|
|
Открытый урок по кабардинской литературе в 8 классеУчитель кабардинского языка и литературы Кунашева Э.А. Урок зэ1ухам и план Темэр:Къардэнгъущ1 Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ»пьесэм пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа бэнэныгъэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. Мурадхэр:1.Адыгэ лъэпкъым и ц1ыху щэджащэ Къ.З. и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу.Абы теухуауэ еджак1уэхэм ящ1эр на1уэ щ1ын. 2.Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ пьесэр зытеухуар,пщыл1хэр пщыхэм зэрапэщ1эувэр, ц1ыхубэр зэкъуэту бэнэныгъэр ирагъэк1уэк1ыным зэрыхуигъасэр гъэбелджылын. 3.Бзэм зегъэужьын.Пьесэм къыхэщ псалъэжьхэм я мыхьэнэр,абы дызыхуигъасэр,пьесэм ехьэл1а зэрыхъур убзыхун. Мыгъуагъэр ныбжьуэ пщхьэщытами Уигъэдзыхакъым плъыса лейм. Куэдагък1э бийхэм уафыщ1ами Уф1ащ хахуагък1э,Къэбэрдей! (К1уащ Бет1ал.) Урокым и ек1уэк1ык1эр 1.Организационнэ дакъикъэ. Темэр,мурадхэр яже1эн.Унэ лэжьыгъэу я1ар ягу къэгъэк1ыжын. Хэзышэ псалъэ:Къардэнгъущ1 Зырамыку жи1эу уэрэдыжь магнитофонным къоуэ. Январым и10-м и ныбжьыр илъэс 90 ирикъуащ адыгэ 1уэры1уатэм и тхьэмадэ,ди лъэпкъым и тхыдэр джынымк1э, уэрэдыжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зэхуэхьэсыжынымк1э, зэрыхуэфащэк1э зэгъэпэщыжауэ ц1ыхубэм ди пащхьэм ахэр къилъхьэнымк1э 1уэхугъуэф1 куэд зылэжь:Къардэнгъущ1 Зырамыку.Ди лъэпкъэгъуу дэнэк1и щыпсэухэм къыддагъэлъап1э «дыщэ пхъуантэм» и 1унк1ыбзэ1ухыр зы1эщ1элъ ц1ыху щэджащэм имахуэр,ик1и псори хуохъуахъуэ ди япэ куэдрэ узыншэу итыну. Ди нобэрей урокым ирихьэл1эу фэ фи1ащ лэжьыгъэ Зырамыку и гъащ1эм,и лэжьыгъэм нэхъ щыгъуазэ зыфщ1ыну,абыхэм теухуауи доклад,сообщенэ, презентацэхэри вгъэхьэзырыну.Хэт игъэхьэзыра? Еджак1уэ лэжьыгъэ зыгъэхьэзырахэм ятемэхэр жегъэ1эн презентацэ зыгъэхьэзырар компьютерымк1э гъэлэжьэн. Егъ.Фыпсэу.Ф1ы дыдэу фылэжьащ.Нобэ ар зылъэгъуа адрей еджак1уэхэми апхуэдэу фи лэжьыгъэхэр слъагъуну сыфщогугъ.Адэк1э ди урокым пыдощэ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр сыт хуэдэ тхыгъэ? Едж.Мы пьесэр драматическэ тхыгъэщ. Егъ.Сыт драматическэ тхыгъэк1э дызэджэр? Едж.Ддраматическэ тхыгъэк1э доджэ театрым,сценэм щагъэуву нэрылъагъуу къагъэлъэгъуэну ятха произведенэ, пьесэ псоми. 2.Урокым и темэ нэхъыщхьэр зэпкърыхын. Егъ.Упсэу,пэж дыдэщ.Хэт к1эщ1у дигу къигъэк1ыжын пьесэм лъабжьэ хуэхъуар?(темэр,идеер.) Еджак1уит1-щым я жэуапым дода1уэ. Егъ. Пэжщ,фыпсэу.Адэк1э дызэджа 1ыхьэхэр упщ1эк1э зэпкърытхыжынщ.Дэнэ деж Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ щызэхуэзэр? Едж.Ат1ур Ботэщхэ ядеж щызэхуозэ.Къ. куэд щ1ауэ Гуащэгъагъ къилъыхъуэт.Абы и1ыгът дыщэ пщэхъур.Ар къэзыхьыфыр арат Гуащэгъагъ зыдэк1уэнур.Абы ищ1эрт ар л1ыгъэншэм къызэримыхьыфынур. Егъ.Сыт хуэдэ залымыгъэ зэрахьэу щытауэ къыхэщрэ пьесэм пщы ерухэм?Iэсят ищапхъэмк1э къэвгъэлъагъуэ. Едж.1.Пьесэм къызэрыхэщымк1э зи щхьэ хуимытыр мэкъумэшыщ1эхэм я закъуэтэкъым,ат1э пщыхэм ябынхэри ящхьэ хуиттэкъым.Ар къыдолъагъу Джэрий мылъку щхьэк1э Iэсят Хъаныкъуэм зэрыритымк1э. Едж.2.Джэрий ишыпхъур насыпыншэ зэрищ1ым егупсысыртэкъым,абы и щхьэм илъыр и мылъкур нэхъыбэ зэрищ1ынт.Заудини Iэсят и гъусэу кърым хъаным ирещэ . Егъ.Хэт Заудиныр? Сыт ар Iэсят гъусэ щ1ыхуэхъур? Едж. Ар Б отэщхэ я пщыл1т, я пхъур ф1ыуэ илъагъут. Егъ.Дауэ зэхуэзэжрэ Къанщобийрэ Заудинрэ? Едж.1эсятрэ Заудинрэ къыщ1эпхъуэжат.Ауэ абыхэм я ужьым к1эщ1у Хъаныкъуэмрэ абы и щхьээхъумэхэмрэ иту къыщ1эк1ащ.Заудин абыхэм езауэу Къанщобий 1эмыр сымэ и гъусэу къахуозэ. Егъ.Къанщобий Хъаныкъуэм щезэуэнум и зауэк1эм хэлъа хабзэм тхылъым къыщывгъуэти фыкъеджэ. (нап.174 ит сатырэхэм къоджэ. 1эмыр и псалъэхэмк1э къыщ1адзэ.) Егъ. Зэзауэм хэт тек1уэр? Сыт хуэдэ пудыныгъэ къылъысрэ Хъаныкъуэм? «Л1энми л1ыгъэ хэлъщ .»- жыхуи1э псалъэжьыр епхьэл1э хъуну мыбдеж? Едж. Зэзауэм Къанщобий ток1уэ. Ар мышынэщ, л1ыгъэ зи1эщ, зи псалъэм тетыжыф ц1ыхущ,зауэл1щ.Хъаныкъуэр л1ыгъэншэщ,гущ1эгъу щхьэк1э мэлъа1уэ.Къанщобий абы тхьэ ирегъа1уэ 1эсяти Заудини я гугъу имыщ1ыну, псэуху Къэбэрдейми къимыхьэну. Адэк1э еджак1уэхэм пьесэм и ещанэ 1уэхугъуэр теплъэгъуэу къагъэлъагъуэ. . . . Утыкум Гуащэгъагъ къохьэ. . . 3.Урокым къащ1ар егъэбыдыл1эн. Еджак1уэхэм ягъэзэщ1а ролхэр къазэрехъул1ар псом япэ къэхутэн. Доскам ит псалъэжьхэм йоджэ еджак1уэхэр.Ахэр пьесэм епхьэл1э здэхъуну щ1ып1эр жа1э ,убзыхуауэ.. 1. Л1энми л1ыгъэ хэлъщ. 2. Бзаджэр убзэмэ,зыгуэр хуейщ. 3. Бийм ущысхъмэ,у1эгъэ ухъунщ. 4. Лъэпкъым и напэр зы л1ым трехыф ик1и къе1этыф. Егъ. Мы псалъэжьхэм щыщу дэтхэнэра пьесэм къыхэщыр?Хэт ар жызы1эр ик1и сыт щ1ыжи1ар? Едж.Пьесэм къыхэщыр 3-нэ псалъэжьырщ. Ар жызы1ар 1эмырщ.Щ1ыжи1а р Хъаныкъуэращ. Зи псалъэ зымыгъэпэж ц1ыхум гущ1эгъу хуэпщ1 зэрымыхъунур абы ищ1эрт. Бзаджагъэ Хъаныкъуэр зэрек1уэнк1э хъунум Къанщобий щихъумэну арат. Егъ. Къанщобий и образыр Залым ди пащхьэ кърилъхьэфауэ къэплъытэ хъуну п1эрэ?Л1ыгъэ, пэжыгъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхуу Къанщобий къэплъытэ хъуну? Едж.Къанщобий л1ыгъэ хэлъщ,ц1ыху пэжщ.И ныбжьэгъум зэрыхуэпэжым хуэдэу ар и Хэкуми хуэпэжщ,ф1ыуэ елъагъу. Залым ар ек1уу дигъэлъэгъуащ,и образыр на1уэу ди пащхьэм кърилъхьащ. Егъ.1эсят и насыпым сыт зэран хуэхъур? Едж.А зэманым щы1а социальнэ-политическэ зэхуэмыдэныгъэр. Егъ. Фыпсэу. Ф1ы дыдэу къывгуры1уауэ псори къызолъытэ.Адэк1э къык1элъык1уэ 1ыхьэхэм деджэнущ. Иджыпсту доскам ит псалъэжьхэмрэ эпиграфымрэ фи литературэ тетрадым ифтхэ. Егъэджак1уэм и к1эух псалъэ Магнитофоным Зырамыку игъэзащ1эу уэрэдыжь къоуэ. Сыхуейщ ди нобэрей урокыр сухыну Зырамыку теухуа псалъэхэмк1э,и уэрэдыжьк1э. Зи 1уэхущ1афэ щхьэпэхэмк1э ,зи зэф1эк1 инхэмк1э,зи хьэл-щэн дахэхэмк1э ц1ыхум я ф1ыщ1э мык1уэдыжыр къэзылэжьа ц1ыху гъуэ зэджэщ ар. Ц1ыхухэм ягум ф1ык1э уилъыным,укъинэным,укъэк1ыным нэхъ насып сыт щы1э?Мис а ф1ыгъуэшхуэр къызэхъул1а,ди культурэм и лэжьак1уэ пашэщ Зырамыку. Нобэр къыздэсым зи лэжьыгъэр зыпызымыгъэуа ,адыгэ литературэм и зыужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1 Къардэнгъущ1 Зырамыку ди япэ тхьэм куэдрэ иригъэт. Ди урокыр иухащ.Доскам ит унэ лэжьыгъэр фтхы.(нап.179-187.еджэн,упщ1эхэм жэуап етын.)Оценкэ гъэувын.Псоми берычэт бесын,узыншэу фыщыт! |
|